- зэпкърыхун
- (зэпкъроху) неперех. гл. 1. развалиться, разрушиться/ Iыхьэ-Iыхьэу зэхэлъ гуэр зэпкърыкIыу зэкIэрыхун, зэбгъэдэлъэлъын.Шэнтыр зэпкърыхуащ.* -Мис, ди унэжь цIыкIур зэпкърыхупащ, Музгаркэ, - жиIащ лIыжьым. Анэд.2. износиться; порваться/ Лажьэу зэIытхъын, къыхэмынэжIауэ лэжьэн.* Ермоловыр еупщIащ сэлэтым: -Мыр сыту джэдыгу зэпкърыхуа, куэд щIауэ пщыгъ? Ш. А.3. переносное стать вялым, раскиснуть, ослабнуть (от жары, болезни)/ Iэпкълъэпкъыр щIэлIэн, къарууншэ хъун, лалэ хъун.* Едыдж хьэщIэщым зэрыщIашэу. . гъуэгуанэ кIыхьымрэ щIыIэмрэ зэщIигъэлIа и Iэпкълъэпкъыр занщIэу зэпкърыхуащ. Iуащхь.4. переносное растеряться; прийти в состояние замешательства, ошеломления/ Узыпэмыплъа щтэгъуэ, гуфIэгъуэ, гуауэ сыт хуэдэхэр занщIэу къыбжьэхэуэу, пщIэнур умыщIэжу Iэнкун укъэхъун; укъэуIэбжьын, гур щIэмэхыкIын.Хъыбар Iейр зыжраIа фызыр зэпкърыхуащ.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.